top of page
Фландрэ щ1ыналъэм
Фландрэ щ1ыналъэм зэфэзэщэу
къогъагъэ 1ущхьэ гъатхэ къэс.
Ди кхъащхьэм къыгъэщхьэхук1ауэ
Уэгунэм и бзэбзэрабзэ нос,
Топауэм и даущ ежьууэ.
Дызэраук1рэ куэд тек1акъым:
Дыгъэ къуэхьагъуэм еблэгъауэ
Дызауэу, даук1ащ; аращи,
Ди хьэдэр Фландрэ губгъуэм щ1элъщ.
Фэ фичэзущ: къыт1эпыхуауэ
Уэздыгъэ башыр лъагэу фы1ати
Ди хьэдэм фемыпц1ыж. Амыхъук1э
А 1ущхьэр ди п1эщхьагъуу щытми,
Тыншып1э къытхуэхъункъым ар,
Фландрэ щ1ыналъэм деж ди кхъащхьэр.
Translated to Kabardian (Circassian) by Murat Temir
bottom of page